«Алий и гъыбзэ»
Ныжэбэ жэщым, Алий, ныжэбэ жэщым
Уой, Алий, хьэхэр мэбанэри
Уэр къэдзыгъуэ банэр сигум ар къыхоуэр
Алийри уызимы1эж уэПшэгум ар итыурэ дамэр зытетым
И дамэм а дэнлъэч хызощ1эри
Щымы1эр къигъэсыурэ
Щы1эр зыгъал1эм
Алийри усфигъэл1ай уэУи пы1э гъуабжэр, Алий, уи пы1э гъуабжэр
Уой, Алий, сом щищ иуасэти
Жэщ мазэгъуэ дахэмэ
1эщымк1э сок1уэж жып1эу
Хьэбаныжьым зебгъэук1ай уэУи къамэ ц1ык1ур, Алий, уи къамэ ц1ык1ур
Уой, Алий, дыгъэмэ полыдыри
Къущхьэхъу удзыпц1эмэ
Алиймэ и хьэдэр
Уейдахащ1ыурэ къыполыдык1ырМо джэрпэджэжым, Алий, мо джэрпэджэжым
Уой, Алий, уеджэмэ къоджэжри
Алий жа1эу къаджэмэ си Алий ц1ык1ури
Дэнэ мыгъуэмэ уэ къисхьыжынуУи батырбакъым, Алий, уи батырбакъым
Уой, Алий, дыжьынщ хужа1эти
Зи ц1э жа1эрейуэрэ
Уи шы гъуабжэ чэхур
Нарцанэ бэзэрым щащэ